Шахматым и пащтыхь
Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей) адыгэ къуажэжьым щыпсэу дэтхэнэми: цIыкIуи ини, «Хэт фи жылэм щыщу шахматым и пащтыхьыр?» — жыпIэу уайупщIмэ, шэчыншэу, Абидокъуэ Хьэзрэт и цIэращ къраIуэнур. Ар пцIы зыхэмылъщ. Хьэзрэт — шахмат джэгукIэм и Iэмалхэм: теориеми практикэми фIыщэу щыгъуазэ, акъыл губзыгъэ зиIэ, цIыхугъэ ин зыхэлъ, лъэпкъ хабзэр екIуу зезыхьэ адыгэлI нэсщ. Хьэбэз районым щыщу «шахматым и пащтыхь» […]